- зэпхрыкIын
- (зэпхрокI) неперех. гл. 1. пронзить, пройти насквозь/ Пкъыгъуэм зы лъэныкъуэмкIэ хыхьэу гъуанэ е уIэгъэ ищIу адрей лъэныкъуэмкIэ хэкIын.Фочышэр жыгым зэпхрыкIащ. Дыдыр фэм зэпхрыкIащ.2. проникнуть, пройти сквозь что-л./ Зы лъэныкъуэмкIэ хыхьэу адрей лъэныкъуэмкIэ пхрыкIын (псыр). Уэшхыр чэтэн пщыIэм зэпхрыкIри щIэсхэр иуфэнщIащ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.